Ди куэбжэпэм гъатхэ дыгъэу укъыблокӏ,
Нэ дахитӏым сыщӏэплъэну схулъэмыкӏ.
Сигу укъэкӏмэ, сыкъыумыщӏэу сытоуж,
Дыгъэ-мазэу сэ си нэгум ущӏэмыкӏ.
Припев:
Дыгъэри къуохьэж, мазэри йохьэж.
Уэрщ сидахэ, уэрщ си дахэ — си гум уимыкӏыж.
Укъызэплъри сигур вагъуэу къэлыдащ,
Укъызэплъри сигур гъатхэу къэтӏэпӏащ,
Псалъэ жыпӏэм, сэ къуршыбгъэу сылъэтэнщ,
Къуршыпс уэру уи насыпыр къэзгъэжэнщ.
Припев.
Ди куэбжэпэм гъатхэ дыгъэу укъыблокӏ,
Нэ дахитӏым сыщӏэплъэну схулъэмыкӏ,
Вагъуэ изхэр дыщэ пыӏэу къыпхуэсхьынщ,
Дыгъэ бзийхэр дыгъэм фащу пщыстӏэгъэнщ.
Припев.